Къызжа1эр хъуркъым сэ си ф1эщ... АНАТОЛИЙ ОТАРОВ - Авторы: ЗУБЕР ТХАГАЗИТОВ и АНАТОЛИЙ ОТАРОВ

preview_player
Показать описание
Къызжа1эр хъуркъым сэ си ф1эщ1...
Слова: Зубер Тхагазитов - народный поэт КБАССР;
Музыка: Анатолий Отаров - засл.артист КБАССР;
Исполнитель: Анатолий Отаров;
Аккомпанирует: Мухажир Пшихачев - засл.артист РСФСР, засл.артист КБАССР.
Источник: КАНАЛ YouTube - 1gtv kbr - 02 09 2019 Тэрч макъамэхэр

Къызжа1эр хъуркъым сэ си ф1эщ…

Цlыху lей дунейм щыкуэду жаlэ, –
Къызжаlэ пэтми – мыхъу си фlэщ.
Цlыхуфl дунейм щымащlэу жаlэ, –
Къызжаlэ пэтми – мыхъу си фlэщ.
Цlыхуфl дунейм щымащlэу жаlэ, –
Къызжаlэ пэтми – мыхъу си фlэщ.

Мо дыгъэр блэхукlэ,
Щlылъэр гъэгъэхукlэ,
Цlыхугъэ дахэр, Фlылъагъуныгъэр
Дуней гъэнэхур пэжыраи!

Пцlыр лъакъуэ кlыхьу сэ къызжаlэ, –
Къыстежу къэхъуми – мыхъу си фlэщ.
Пэжыlэр кlэщlу сэ къызжаlэ, –
Ар згъэунэху пэтми – мыхъу си фlэщ.
Пэжыlэр кlэщlу сэ къызжаlэ, –
Ар згъэунэху пэтми – мыхъу си фlэщ.

Мо дыгъэр блэхукlэ,
Щlылъэр гъэгъэхукlэ,
Цlыхугъэ дахэр, Фlылъагъуныгъэр
Дуней гъэнэхур пэжыраи!

Цlыхубзыр пцlылъэу сэ къызжаlэ, –
Саlущlэ пэтми – мыхъу си фlэщ.
Цlыхубзыр тlасхъэу сэ къызжаlэ, –
Ар згъэунэху пэтми – мыхъу си фlэщ
Цlыхубзыр тlасхъэу сэ къызжаlэ, –
Къызжаlэ пэтми – мыхъу си фlэщ.

Мо дыгъэр блэхукlэ,
Щlылъэр гъэгъэхукlэ,
Цlыхугъэ дахэр, Фlылъагъуныгъэр
Дуней гъэпэжыр пэжыраи!

Сылlэну куэдым сэ къызжаlэ, –
Ар – сиlэщ быни – мыхъу си фlэщ.
Дунейр къутэну сэ къызжаlэ, –
Ар – фэ фытетщи – мыхъу си фlэщ!
Дунейр къутэну сэ къызжаlэ, –
Ар – фэ фытетщи – мыхъу си фlэщ!

Мо дыгъэр блэхукlэ,
Щlылъэр гъэгъэхукlэ,
Цlыхугъэ дахэр, Фlылъагъуныгъэр,
Дуней гъэнэхур пэжыраи!

Мо дыгъэр блэхукlэ,
Щlылъэр гъэгъэхукlэ,
Цlыхугъэ дахэр дунейм тетынущ,
Фlылъагъуныгъэр ирепсэу!
Рекомендации по теме
Комментарии
Автор

Упсо! Илъэс куэд щ!ауэ сыхуейт зэхэсхыну У. Анатолэ и макъ. Нэхъыбэу къытхуилъхьэ кхъа. Сосмакъ Валентинэ, Пщыгъуэш Юра, Маремыкъуэ Хъусен сымэ жа!эуи, сынолъэ!у. Псори дахуэзэшащ.

ТунФёдорова